ДОБРО  ПОЖАЛОВАТЬ!

Решаем вместе
Есть предложения по организации учебного процесса или знаете, как сделать школу лучше?
Меню сайта
Категории раздела
Мои статьи [28]
Наш опрос
Оцените мой сайт
Всего ответов: 68
Статистика

Онлайн всего: 1
Гостей: 1
Пользователей: 0
Главная » Статьи » Мои статьи

Сочинение "Си япэ егъэджак1э" (Канлоева А.Б.)

 

Сочиненэ

«Си егъэджак1уэ»

    Сэ куэдрэ зэхызох еджап1эр ди унэ ет1уанэщ жа1эу. Уегупсысмэ,пэжщ ар. Еджап1эм щыдогъак1уэ ди махуэм и нэхъыбэр. Мыбдежщ къыщытщ1эр ди гъащ1э гъуэгум адэк1э и къэк1уэнур. Еджап1эр ц1ыхум дежк1э къыпхуэмы1уэтэн гупсысэщ. Языныкъуэхэм дежк1э ар –унэщ,языныкъуэхэм дежк1э ар –ныбжьэгъущ.

   Еджап1э къэс и 1ыхьэ нэхъыщхьэщ егъэджак1уэхэмрэ еджак1уэхэмрэ. Егъэджак1уэхэм еджак1уэ псори я зэхуэдэщ, ауэ сабийхэм дежк1э егъэджак1уэр - анэ пэлъытэщ.

   Егъэджак1уэ 1эщ1агъэр сытым дежи ябжу щытащ нэхъ пщ1э зи1э лэжьыгъэхэм щыщу, ат1эми икъук1э 1эщ1агъэ гугъущ ар . Гупсысэк1э   тэмэм, щытык1э дахэ, гъащ1эм япэ лъэбакъуэр хэзычэ сабийм и1эу къэбгъэхъун жыхуэп1эр, мыбдеж щыткъым. Ар икъук1э къалэнышхуэщ егъэджак1уэм дежк1э. Ди курыт еджап1эм щылажьэ егъэджак1уэхэм хэбдзын  яхэмыту псори ф1ыхэщ. Ц1ыху къэс зыгуэрк1э удахьэх, уосэ,  уи анэ дыдэм хуэдэу.

   Сэ еянэ классым сыщоджэ. Зэи сщыгъупщэжынукъым япэ дыдэу курыт еджап1э ет1уанэм и пщ1ант1э хуитым сыщыдыхьауэ щытар. Нобэр къыздэсым ф1ыщ1э ин яхузощ1 си адэ-анэу а еджап1э дахэм сызышахэм, сыт щхьэк1э жып1эмэ, сэ ар къысф1ощ1 си унэ ет1уанэу.

    Сыт еджап1эк1э зэджэр? Хэт уеупщ1ми я жэуапхэр зырызщ. Сэ си щхьэр къапщтэмэ, еджап1эр сэрк1э-ныбжьэгъу пэжщ, пщ1эрэ нэмысрэ здэщы1эщ. Еджап1эр–егъэджак1уэ ц1ыхуф1хэщ, гуф1эгъури нэщхъеягъуэри къыщыбда1эт унэщ, ди псэм, ди гум  къыдыхьэ ди егъэджак1уэ лъап1эхэрщ.

    Си щхьэр лъагэу с1этауэ схужы1энущ, псэк1э ф1ыуэ слъагъу си курыт еджап1эм апхуэдэ егъэджак1уэ куэд щы1эу.. Нобэ и гугъу сщ1ыну сыхуейщ ц1ыху щыпкъэу, хьэл дахэ хэлъхэм удихьэхыу, пщ1э ин зыхуэтщ1, пэщ1эдзэ классхэм сезыгъэджа Журт Асият, Мухътар и пхъум. Жэщ махуэ уимы1эу утепсэлъыхьк1и, хужып1эн бгъуэтынущ а ц1ыху гъуэзэджэм. И 1эщ1агъэр ф1ыуэ зылъагъу ц1ыху 1эдэбщ ар, къызэрыбгуры1уэнк1э дэтхэнэ зыми нэсу щ1эныгъэ къыдбгъэдилъхьащ абы.

Уеплъмэ Асият ц1ыху тк1ийуэ у1уплъэнущ, псэлъэн щ1идзамэ, гум зимыгъэнщ1у, удихьэхыпэу уедэ1уэфынущ, сыт хуэдэ 1уэхугъуэк1и сэбэп къыпхуэхъунущ.

Асият иригъэк1уэк1 сыхьэтхэм ущ1эса иужьк1э уи махуэр тыншу к1уэуэ къыпф1ощ1, дэтхэнэми уащыгуф1ык1ыну ухуейщ. Гугъущ а егъэджак1уэ псэ къабзэ зи1эр и п1э къипшыну, зыгуэрк1э т1эк1у къэбгъэгубжьами, чэнджэщ дахэк1э, ущие защ1эк1э псори къыбгуригъэ1уэжынущ. Еджак1уэ къэс ди1э щ1эныгъэри бгъэдыхьэк1э щхьэхуэхэмк1э, зэхуэмыдэхэмк1э къихутэфащ Асият Мухътаровнэ.

    И гум и щабагъыр, и псэм и дахагъыр псоми зэхуэдэу къытхуигуэшащ абы. И 1эщ1агъэ мытыншым нэбэм къэск1и иролажьэ а егъэджак1уэ нэсыр.. Илъэс пл1ыщ1рэ щырэ хъуауэ сабийхэм яхэтщ. Псэемыблэжу, мыщхьэхыу  и лэжьыгъэр егъэзащ1эр сытым дежи. Абы и сыхьэтхэр дакъикъэ къэс щ1эныгъэшхуэхэмк1э гъэнщ1ащ, щ1э гуэр къыщыумыщ1ауэ зы сыхьэти укъыщ1эк1ыжынукъым. Щхьэхрэ псэхурэ зимы1э ц1ыхущ ар.

   Ущызэшу, пщ1эн щумыгъуэту, сыхьэтыр зэ и к1эм нэсащэрэт жып1эу абы и деж зэи ущ1эсыфынукъым, уи щхьэм щыпхуимыгъэзагъэр нэхъыбэщ а егъэджак1уэм къызэкъуих щ1эныгъэ хьэлэмэтыщэхэм я куэдагъыр.

    Асият Мухътаровнэ иригъаджэ сабийхэр еджап1эм щек1уэк1 гъащ1эм жыджэру хэтхэщ, район зэпеуэхэм, зэхьэзэхуэхэм увып1э нэхъыщхьэхэр къыщахь. Тхылъым дызэрыдихьэхыным, лэжьыгъэк1э ипэ дызэрищыным хущ1окъу ар сытым дежи. Абы иригъэджахэм яхэлъщ пщ1э, нэмыс. Асият Мухътаровнэ елъагъу дэтхэнэ сабийхэри езым ей дыдэхэм хуэдэу. Дэри апхуэдэу дызэрыщытынум дыхущ1окъу.

       Жыс1эну сыхуейщ егъэджак1уэр – ар 1эщ1агъэ къудейкъым, ар къыбдалъхуауэ, уи лъым хэту щытын хуей 1эщ1агъэщ.. Нобэ дыщогуф1ык1, мы 1эщ1агъэ мытыншым гурэ псэк1э бгъэдэтыф ди егъэджак1ухэм, щ1эблэщ1э къэк1уэнум ди ущияк1уэ пажэхэм. Узыншагъэрэ шы1эныгъэрэ я1эу илъэс куэдк1э я лэжьыгъэм пэщ1этынухэу сахуохъуахъуэ!

Категория: Мои статьи | Добавил: zuleta-afashagova (12.09.2018)
Просмотров: 4597 | Рейтинг: 3.8/5
Всего комментариев: 0
avatar
Вход на сайт
Поиск


Полезные ссылки


  • видеоролик о защите ПД
  • видеоролик "Вместе против коррупции

  • https://kbr.pfdo.ru/app

  • https://fadm.gov.ru


  • Друзья сайта
  • Официальный блог
  • Сообщество uCoz
  • FAQ по системе
  • Инструкции для uCoz


  • Дата последнего обновления 19.04.2023г.